Публикации Кавказская война

Всероссийский сборник статей и публикаций института развития образования, повышения квалификации и переподготовки.


Скачать публикацию
Язык издания: русский
Периодичность: ежедневно
Вид издания: сборник
Версия издания: электронное сетевое
Публикация: Кавказская война
Автор: Пшихачева Розанна Циковна

МУНИЦИПАЛЬНОЕ КАЗЕННОЕ ОБЩЕОБРАЗОВАТЕЛЬНОЕ УЧРЕЖДЕНИЕ«СРЕДНЯЯ ОБЩЕОБРАЗОВАТЕЛЬНАЯ ШКОЛА №30»ГОРОДСКОГО ОКРУГА НАЛЬЧИК КАБАРДИНО-БАЛКАРСКОЙ РЕСПУБЛИКИКавказская война1763-1864Подготовила: ученица 10 «А» класса, Гусова Динара Руководитель: преподаватель кабардинского языка и литературы,Пшихачева Р.Ц.Нальчик, 2024г.Лэжьыгъэм и зэхэлъык1эр:1. Хэзыгъэгъуазэ.2. Кавказ зауэм адыгэ лъэпкъым къахуихьа насыпыншагъэр.3. Истамбылак1уэ.4. Адыгэхэр дунейпсом щикъухьащ.5. Дэ - дыадыгэщ, ар зыщыдгъэгъупщэ мыхъунщКъуатакъым зэи Зыузэщ1ып1э, Гугъуехь зи нат1эу, Си лъэпкъыжь… Адыгэм уи жьыр къысщ1ихухук1э, Сэ маф1э гуащ1эуэ сыблэнщ. Адыгэм папщ1э самыгъэпсэумэ, Адыгэм пап1щ1э сыл1энщ. Дыгъужь Къу. Зы лъэпкъи щыIэкъым езым и Хэку имыIэжу, абы иримыпагэу, иримыгушхуэу, имыгъэлъапIэу. ЦIыхур цIыху зыщIыжыр, лъэпкъыр зыгъэлъэпкъыр, абы Хэкум хуиIэ щытыкIэрщ, лъагъуныгъэ къыдэгъуэгурыкIуэрщ.Адэжь щIыналъэм и къурш щIагъымСи гъащIэр псыуэ къыщежьатэм,ГуфIэгъуэ защIэу сежэхынт,Къуршыбгъэ лъагэр псым къищынт. Адыгэхэм, а лъагъуныгъэр ижь зэман лъандэрэ гуащIэу япкърытщ. «Дыщэ унэ нэхъ си унэжь», «Хамэ хэку сыщытхъэ нэхъ си хэкужь сыщылIэ», жаIэу щIыщытар я лъахэм пащI Дуней фIыгъуэ щыIэтэкъыми аращ.Иретхъу си щхьэцыр гущIэгъуншэу,Си гъащIэр, хуеймэ, ирекIуэщI.Сыпсэуфынкъым сэ уэрыншэу,Сыхуейкъым лъахэ сэ нэгъуэщI. Кавказым щыпсэу лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ адыгэхэр. Псори къехъуапсэрт абыхэм яIыгъ щIыналъэм. ЖыпIэнуракъэ дуней жэнэтт. Бгылъэхэр мэз щхъуантIэхэмрэ хъупIэхэмрэ яуфэбгъуауэ, къуршхэм псы уэрхэр къежэхыу, тафэхэри гъавэ бэвым къикъутэу, дэнэкIи Iэщ пшэрхэм, шы гуартэхэм яуфэбгъуауэ псэухэрт. Ди щIыналъэм зыплъыхьакIуэ къак1уэхэм ар зек1уапэ зыхуэхъухэм ягури я псэри мыбы къанэрт. Ахэр хущIэкъурт аргуэру зэ къытрагъэзэжыну, я гум щызу зыщаплъыхьыну, зыщагъэпсэхуну. КIуэ пэтми абыхэм я бжыгъэм къыхэхъуэ зэпытт. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм яхэтт жагъуэгъухэр, къыдэхъуапсэхэр, къыдэфыгъуэхэр.Зэман жыжьэхэм уIэбэжмэ, къэхъуауэ пIэрэ дэ зыгуэрхэр къыщыдэмыпщэфыIа, къыщыдэмызэуа, ди щIыналъэр зыIэрагъэхьэн мурадкIэ. Адыгэхэм къатеуэрт кърым хъанхэр, авархэр, тэтэр-монголхэр, нэгъуэщI куэдхэри, хэщIыныгъэ, тхьэмыщкIагъэ ин кърату.«Си лъэпкъым»Къуатакъым зэиЗыузэщ1ып1э,Гугъуехь зи нат1эу,Си лъэпкъыжь…УщикъухьаиХамэ щ1ып1э,ЩхьэхуитыныгъэмИ л1ыхъужь! Псом хуэмыдэжу лъэпкъым лъапсэрыхыр къахуэзыгъэкIуар, ар хэкIуэдэжыным нэзыгъэсауэ щытар Кавказ зауэрщ.«ЛIэщIыгъуэ къэс фIокIуэд зы лъапIэ гуэр», - жиIагъащ усакIуэм. ХIХ-нэ лIэщIыгъуэм фIэкIуэда беягъ нэхъыщхьэу къыщIэкIынщ Кавказ зауэм зи псэр щигъэна адыгэхэр. Майм и 21-м 2017 гъэм (илъэсищэрэ птхущ1рэ щырэ) 153 ирокъу илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Кавказ зауэр зэрыувыIэрэ. Нобэ, псори дызэрыщыгъуазэщи, илъэсищэм нэскIэ Кавказ бгырысхэм ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэм текIуэныгъэ къыхуахьакъым. 1864 гъэм накъыгъэ мазэм и 21 – м урыс пащтыхьым и дзэ фIыуэ гъэсам, IэщэкIэ зэщIэузэдам, топхэр зи куэдым, бгырысхэм я бэнэныгъэм кIэ иритащ. «Зауэм и кIэр хьэдагъэщ», - жаIэ адыгэхэм Кавказ зауэм и кIэр ди лъэпкъым дежкIэ хьэдагъэ мыухыжт, а зауэм адыгэ лъэпкъым къулейсызыгъэу, гуIэгъуэу, насыпыншагъэу, нэщхъеягъуэу къахуихьам хуэдиз къэзыхьа зауэ дунейм къытехъуауэ жыIэгъуейщ. ЦIыху мелуаным нэс адыгэ лъэпкъым щыщу къэнар мащIэ дыдэщ, нэхъыбэр яук1ащ, е хым хэкIуэдащ, ерыскъы щхьэкIэ зэтелIащ, узым ихьащ, е Тыркум Iэпхъуащ. ЦIэрыIуэу, Кавказым ис лъэпкъ псоми къацIыхуу щыта шапсыгъхэм, натхъуэджхэм, абазэхэм ящыщу къэнар мащIэ дыдэщ. Гуузщ адыгэхэм я кIуэдыкIар, ахэр илъэс мин бжыгъэкIэ щыпсэуа, къыщалъхуа щIыпIэм залымыгъэкIэ зэрырахуар. АтIэ сыт апхуэдэ залымыгъэр, апхуэдэ телъыджэр къыщIэхъуар, сыт адыгэхэр зэрыкъуаншэр, сыт абыхэм ялэжьар? А упщIэм и жэуапыр кIыхьщ. Урыс пащтыхьым и зэрыпхъуак1уэ политикэ бзаджэрщ. Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэр езыр зэрыхуейм хуэдэу и блэгущIэт ищIыну и ужь зэритарщ. ХVII-нэ лIэщIыгъэум и кIэухым урыс пащтыхьым и лъабжьэр Кавказ Ищхъэрэм быдэ щищIа нэужь, и политикэр занщIэу зэрихъуэкIащ, ар политикэ бзаджэ, зэрыпхъуакIуэ политикэ хъуащ, ар зыми еплъакъым. Бгырысхэм, къапщтэмэ, адыгэхэм къащысхьакъым, уеблэмэ абыхэм хуитыныгъэу яIа псори къатрихащ, ахэр къыщалъхуа, зэрыс щIыпIэм залымыгъэкIэ зэрырихуным иужь итащ, ящIхэр зэриубыдын, абы къэзакъ станицэхэр зэрыригъэтIысхьэн, и тепщэныгъэр зэригъэбыдэн фIэкIа, нэгъуэщI Iуэху кърихуэкIыжакъым. ГъэщIэгъуэныракъэ, урыс дзэпщхэм, унафэщIхэм фIы дыдэу ящIэрт адыгэхэр Псыжь и сэмэгурабгъу Iуфэхэу щIыпIэ шэд защIэм, щIыпIэ мыузыншэм зэрымыкIуэнур, итIани абы фыIэпхъуэ жаIэри къыпаубыдащ. Адыгэхэми урыс дзэпщхэр ягъэгузэвэн папщIэ, Псыжь Iуфэ дыкIуэ нэхърэ, Тыркум дыIэпхъуэнущ жаIащ. Пащтыхьыр зыхуеиххэр арати, адыгэ лIыкIуэхэр тхьэусыхакIуэ, лъэIуакIуэ щыхуэкIуэм, ди щIыпIэм дыкъивнэж, дзэхэм зэрахьэ залымыгъэр вгъэбэяу жаIэу щелъэIум, щыхуэтхьэусыхэм щыгъуэ Александр II-м жэуапу къаритащ: «КъывжаIа щIыпIэм фыIэпхъуэ, е пIалъэ имыIэу Тыркум фыIэпхъуэ».Адыгэ пщы-уэркъхэм я зэрани хэлъауэ жыпIэ хъунущ, сыту жыпIэмэ абыхэм къагурыIуэрт я щIыпIэм къинэми, Псыжь Iэпхъуэми, я тепщэныгъэр куэдкIэ нэхъ мащIэ зэрыхъунур, я пщылIхэри зэрафIэкIуэдынур. Пщы уэркъхэм я дежкIэ я пщылIхэр яфIэкIуэдыным нэхърэ нэхъ шынагъуэ щы1этэкъым. Абыхэм я гугъэт Тыркум 1эпхъуэмэ, я пщыл1хэр къахуэнэну, я 1уэху нэхъыф1 хъуну. Тхак1уэ, режиссер 1эзэ, философиемрэ адыгэ тхыдэмрэ куууэ зыджа щ1эныгъэл1 Къандур Мухьэдин и «Кавказ» тхыгъэм мыпхуэдэ щапхъэ къыщехь: «Пщы губзыгъэ гуэр псэугъащ. Пщым пкъо т1ощ1рэ хырэ хисэри унэ ищ1ащ. Зыбжанэ дэк1ауэ пкъохэм ящыщ зым, унащхьэр къытехьэлъэ щыхъум, мыр жи1ащ: «Сэ зыр сахэк1к1э, сыт къэхъун: пкъо т1ощ1рэ тхурэ къыхонэ». Ар жери, пкъом лъэныкъуэ зригъэзащ. Нэгъуэщ1 зыбжани яхэк1ащ, япэ ищам дэплъейри: «Сэ зыр сахэк1к1э сыт къэхъун?» - жа1эурэ. Унэр къищэхэжащ: къэнам унащхьэр яхуэ1ыгъыжакъым.» Ещхькъэ – т1э ар адыгэхэм къащыщ1ам? Хэт ищ1эрэ, нэхъ ипэ1уэк1э адыгэхэр зэры1ыгъыу зэрырагъэжьам тетамэ апхуэдизыр къримык1уэнк1и хъунт. Муслъымэн диным и лэжьак1уэхэри адыгэхэм я щIыпIэр хыфIадзэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ. Абыхэм гуащIэрыпсэухэм я деж лэжьыгъэ мащIэ щрагъэкIуэкIакъым, цIыхухэр зэрыIэпхъуэным хуагъэдэIуащ, хураджащ.Езы Тыркум и лIыкIуэхэми къуажэ – къуажэкIэрэ къакIухьурэ, адыгэхэр къыхураджащ Тыркум зэрыкIуэным, абы гъащIэ дахэ, насып щаIэну, къыхузэрагъэпэщыну къагъэгугъэурэ.Зэрынэрылъагъущи, адыгэ лъэпкъхэм я гузэвэгъуэмкIэ, я гуIэгъуэмкIэ, я мыгъуагъэмкIэ жэуап псори зытехуэри зыхьын хуейри урыс пащтыхьыращ, абы и лIыкIуэ Кавказым щыIахэращ. Ахэращ адыгэхэр залымыгъэкIэ я щIыпIэм изыхуар. Пащтыхьым и зэрыпхъуакIуэ политикэм и уэчыл Фадеевым зэритхащи: «Псыжь адрыщIым илъ щIым къэралыр хуейт, езы бгырысхэм зыкIи хуейтэкъым.Псори фIыуэ дыщыгъуазэщ езыхэм яфIэфIу я щIыпIэр, къызыщалъхуар къагъанэу лъэпкъ псор зэрымыIэпхъуэным, нэгъуэщI къэрал зэрымыкIуэным, шынагъэкIэ, залымыгъэкIэ ямыхумэ. Псори щыгъуазэщ адыгэхэм я щIыналъэр, къызыщалъхуа Кавказыр фIы дыдэу ялъагъуу зэрыщытам. Абы и щыхьэтщ адыгэ мин Iэджэм я гъащIэр я щIыпIэм, я щхьэхуитыныгъэм щхьэкIэ зэратар. Кавказ зауэр щиухауэ ябжыр 1864 гъэм накъыгъэм и 21-рщ. Абы и ужькIэ щIэхуэбжьащ адыгэхэм я Iэпхъуэныр – ИстамбылакIуэшхуэкIэ зэджэр. Ауэ адыгэхэм я Iэпхъуэныр куэдкIэ абы и пэкIэ щIидзащ. 1858 гъэм щIэхуабжьэу щIидзащ гущ1эгъу лъэпкъ яхэмылъу къуажэхэр, унэхэр, псэуалъэхэр, гъавэхэр ягъэсу адыгэ щ1ыналъэм к1уэц1рык1ыныр, абы ц1ыху 1эджи хэк1уадэрт, къанэхэр я жылэхэм къыдахурт, тенджыз 1уфэм ирахул1эрт, Тыркум зэрагъэ1эпхъуэнум иужь итт. Декабрист Бестужевым итхыгъащ: «Дэ зытедгъасхьэрт абыхэм я жылагъуэхэр, яжьэ пщтырт ди яужьым къинэр». Генерал Раевскэм итхыгъащ: «Испанцхэм Америкэм щызэрихьа лейм хуэдабзэщ дэ адыгэхэм як1элъызетхьар, абы л1ыгъэ зыри хэслъагъуэркъым». Генерал Вельеминовым зиумысыжыгъащ : «Маф1э еддзурэ дык1уэц1рок1, абы зэщ1ебзае къуажэхэр. Узэплъэк1ыжмэ, гужьеигъуэт…»1860 гъэм щыщIэдзауэ Тыркум Iэпхъуэн хуейуэ хы Iуфэм ирахулIэ адыгэхэм я бжыгъэм куэдIкэ хэхъуащ. Абы шынагъуэ ищIащ Тыркум апхуэдиз цIыхур имыщтэну. ИкIи, абы къыхэкIыу, Тыркум лъэIуакIуэ ягъэкIуащ, адыгэ Iэпхъуэхэр, сыт хуэдиз хъуми, кърамыгъэгъэзэну гурыIуэну. 1858 – 1865 гъэхэм Тыркум Iэпхъуащ цIыху мин щитхум нэблагъэ.ИстамбылакIуэр адыгэ тхыдэм дэнэ къэна, Дуней псом къыщыхъуа мыгъуагъэхэм я нэхъ Iейщ, я нэхъ дыджщ. ИгъащIэм апхуэдэ залымыгъэ къэхъуауэ тхыдэм ищIэжыркъым. Дунейм теткъым псэущхьэ цIыху нэхърэ нэхъ бэшэч, истамбылакIуэхэм ятелъа бэлыхьыр, тхьэмыщкIагъэр, мэжэщIалIагъэр апхуэдизкIэ инщ, куэдщи, ноби уогъэщIагъуэ, уи гур къызэфIэмынэу укъеджэфыркъым абыхэм ятелъа къулейсызыгъэм, насыпыншагъэм теухуа тхыгъэхэм.Куэдым зэратхыжымкIэ, кхъухьым щитIысхьэкIэ адыгэхэм хэку фIыуэ ялъагъур ягъеижырт, лъэгуажьэмыщхьэу т1ысырти, щIым ба хуащIыжырт. Урысыдзэм ягъэгужьеяуэ хы Iуфэм къыIуахуэхэм, кхъухьхэм ежьэурэ, гъуэмылэ тIэкIури яухырти, мэжэщIалIэу къызэхэнэрт, бжьыхьэ, щIымахуэ щIыIэм хуэфащэ щыгъын зимыIэр куэдти, щIыIэм иук1ырт, сымаджэ зэтехъуэрт. Адыгэ тхьэмыщкIэхэр хым зэрызэпрысыкIым сыт хуэдиз бэлыхь пыщIат! Япэрауэ, кхъухьхэр зейхэм уаситху Iахырт, цIыху 30 фIэкIа зэрымыхуэм 100, 150-рэ ирагъэтIысхьэрт, куэд къалэжьын папщIэ. Апхуэдизыр хуэмышэчу щIилъафэ кхъухьхэри мащIэтэкъым, цIыхур куэдыщэти, матросхэм зекIуапIэ ямыгъуэту ц1ыхухэм я гущ1ы1ум къыщак1ухьырт; цIыху Iувым хьэуар яхурикъуртэкъым, бэуапIэ ягъуэтыртэкъыми, куэдыр сымаджэ хъурт, зы тIэкIунитIэ сымаджэу къащIамэ, тенджызым хадзэрт. Тыркум нэса нэужьи, адыгэхэм я Iуэхухэр зыкIи нэхъыфI хъуакъым, уеблэмэ нэхъыкIэ хъуащ. Тыркум и лIыкIуэхэм къызэрагъэгугъа жэнэт псэукIэм, гъащIэ дахэм и пIэкIэ ажал, къулейсызыгъэ, мэжэщIалIагъэ ягъуэтащ. Абы къыхэкIыуи лIэм я бжыгъэр куэдк1э нэхъыбэ хъуащ. Уи гур мыкъутэу къэнэнутэкъым адыгэхэм уаIуплъэмэ. ЗыдэкIуа щIыпIэхэм, адыгэхэм, Iэмал зэриIэкIэ, щIыпIэ нэхъ дыджхэр, зыгуэри къызыдэмыкIхэр, псы здэщымыIэхэр, мывалъэ щIыпIэхэр псэупIэ хуащIащ. А гугъуехьхэми адыгэ куэд ихьащ. А зэманым Тырку пащтыхьыгъуэр езыр инти, адыгэхэр зэбгридзауэ щытащ: Сириеми, Иорданиеми, Ливанми, Полистинэми, Балканми, Крит хытIыгуми икIи нэгъуэщI щIыпIэхэми хигуэшащ. Адыгэхэр зы гупу, зы къарууэ щымытын папщIэ ямыщIа къагъэнакъым.Адыгэхэр нобэ къэралыгъуэ 45-м щопсэу. Ахэр абыхэм я дежкIэ хэхэсщ, хамэщ. Абы къыхэкIыу я гур адэжь щIыналъэмкIэ щыIэщ. Абыхэм сыт хуэдэ псэукIэ ямыIэми, тхьэмыщкIэщ. Мылъкуракъым къулеигъэр, хъуэпсапIэр, гъащIэр зыгъэдахэр, атIэ уи щIыналъэрщ, уи лъэпкъ, уи къуэпс здэщыIэ щIыналъэрщ. Аращ адыгэ псоми Кавказ зауэр щиуха майм и 21-рэ махуэр щыгъуэ махуэу щIэувар.ЛъэкIынкъым, икIи ялъэкIакъым зыми адыгэм щхьэщэ иригъэщIын. Я хабзэр - нэмысыр, я цIыхугъэр, я лIыгъэр яхэлъыжу гугъуехьми, гуауэми, гузэвэгъуэми пхыкIыфащ ахэр. Адыгэхэр ирамыхуу иджыри къэс я щIыпIэм исыжамэ, нобэ ди бжыгъэр мелуан 18-м щIигъунут.Тхыдэм зыпхуегъэхъуэжынукъым. ЦIыхум пэжыр ящIэн хуейщ. Абы хуейщ ди къэкIуэнури. ДэркIэ фIыгъуэщ, ди хэкур щIэращIэмэ, ди цIыхухэр нобэ зыхэт гугъуехьхэр нэхъ щIэх ящхьэщыкIмэ, Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм дадекIурэ зэгъусэу зыдужьмэ, ди щIыналъэм ныбжьэгъугъэрэ мамырыгъэрэ фIэкI щамылъагъумэ. Зыми тщыремыгъупщэ: зэманымрэ тхыдэмрэ къуат Iэмалхэр и чэзум къыумыгъэсэбэпмэ, уIэбэкIэ улъэсыжынукъым ...Адыгэ лъэпкъхэм я фэеплъ махуэм къалэн къытщещI ар дигу илъ зэпыту щытын хуейуэ. Дэ – дыадыгэщ, ар зэи зыщыдгъэгъупщэ мыхъунщ.Лъэпкъ л1ыхъужьым укъыщыхэк1ак1эХуейщ ар уи гум ену ибгъэлъын.Узыхуэдэр, къоплъмэ, укъац1ыхуу«Ар Адыгэщ!» - жа1эу упсэун.Сыадыгэщ! Ар си дамэщ!Сыадыгэщ! Сышэрджэсщ!Дэни пщалъэу щыувауэ«Шэрджэс» жа1эм - ар ц1ыху нэсщ.Къэзгъэсэбэпа литературэр:1. Адэжь Хэкур псэ хэлъхьэжщ // Адыгэ псалъэ. 1998, майм и 21.2. Бетрозов Р.Ж, Два очерка из истории адыговальчик:"Эльбрус",19933.Къандур Мухьэдин. Кавказ роман, тхылъищ хъууэ. Налшык: «Эльбрус», 1997.4. ИстамбылакIуэ гъуэгумкIэ // Адыгэ псалъэ. 1997, сентябрым и 10.5. Бэтокъуэ Н. ИстамбылакIуэм и Iэужьхэр // Адыгэ псалъэ. 1993, апрелым и 23.6. Адыгэхэр XVI-XVII лIэщIыгъуэхэм зыщыпсэуа щIыпIэхэмрэ зэрыхъуу щыта цIыху бжыгъэхэмрэ /Адыгэ псалъэ.1998,авугстым и 15.7. Щикъухьащ адыгэхэр дунеижьым//Адыгэ псалъэ.2001,декабрым и 11.8. Адыгэхэр XVI-XVII лIэщIыгъуэхэм зыщыпсэуа щIыпIэхэмрэ зэрыхъуу щыта цIыху бжыгъэхэмрэ /Адыгэ псалъэ.1998,августым и 15.9. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Си гугъэ – си кхъуафэжьей. Налшык: "Эльбрус", 1982.