Публикации Народым и усак1уэ.

Всероссийский сборник статей и публикаций института развития образования, повышения квалификации и переподготовки.


Скачать публикацию
Язык издания: русский
Периодичность: ежедневно
Вид издания: сборник
Версия издания: электронное сетевое
Публикация: Народым и усак1уэ.
Автор: Пшихачева Розанна Циковна

НАРОДЫМ И УСАКIУЭЗы лъэпкъи дунейм теткъым зи 1уэры1уатэ зимы1эж, зи гъащ1эм ар зыубгъуауэ къыщызымыгъэсэбэп.Ди лъэпкъым и дежк1э пхужымы1эным хуэдизу мыхьэнэшхуэ и1эщ 1уэры1уатэм. Адыгэ 1уэры1уатэм гъуэгуанэшхуэ къик1уащ. Сэ сыщыц1ык1ум щыщ1эдзауэ сыщ1ап1ык1ащ таурыхъ гъэщ1эгъуэнхэм, къуажэхь хьэлэмэтхэм, гъэсэныгъэшхуэ зыхэлъ псалъэжьхэм, уи бзэр шэрыуэ зыщ1 псынщ1эрыпсалъэхэм, дыщыджэгук1э къэдгъэсэбэп къебжэк1 ц1ык1ухэм. Икъук1э сыдихьэхыу соджэ нарт л1ыхъужьхэр къызыхэщ хъыбархэм, пшыналъэхэм. 1уэры1уатэм хэт пшыналъэхэр япэ зэхэзылъхьар джэгуак1уэ - уэрэджы1ак1уэхэрщ. Хъан-Джэрий мыпхуэдэу итхыгъащ: «Пасэрей шэрджэсхэм усыгъэр я гъащ1эщ, я псэщ, блэк1а псэук1эм и гъуджэщ…. Ар я гъусэщ жьэгу пащхьэм щыдэсми, лъэпкъ зэ1ущ1эм щыхэтми, я гуф1эгъуэ-гузэвэгъуэми, арат ахэм я1ущ1эр, гущащхьэм къыщегъэжьауэ я кхъащхьэмнэсыху ик1и ахэр къэхъу щ1эблэщ1эм 1эщ1эзылъхьэжыр». Урыс тхак1уэ ц1эры1уэ Максим Горькэм итхащ: «Кавказым, Къэбэрдейм, джагуак1уэхэм-ущрихьэл1эу зэрыщытрэ куэд щ1акъым. «Ахэм зы псалъэ закъуэк1э, къэрабгъэр хахуэ, ц1ыхубэм къыщыж ящ1ыф, дыгъум и хьэлыр зыхрагъэн, ц1ыху ящ1ыж, ик1агъэми ф1еягъэми и бийхэщ».Ди литературэщIэр къэхъунымкIэ, мыхьэнэшхуэ и1ащ, 1уэры1уатэр зи гумм изымыгъэхуу ди деж къэзыхьэсыфа, зыхъума, я тхыгъэхэр зэхэзылъхьа ди народнэ усакIуэхэм ящыщ: Абаз эКъамбот, Агънокъуэ Лашэ, Пащ1э Бэчмырзэ, Сыжажэ Къылшыкъуэ, Выкхъэ Шухьиб, Мыжей Сэхьид, Хьэхъупащ1э Амырхъан, Къэжэр Индрис сымэ. Адыгэ тхыдэм увып1эф1 щызыгъуэта Хьэхъупащ1э Амырхъан 1882 (минрэ щийрэ ищ1рэ т1у) гъэм Шыпшхьэблэ (Къэхъун) къыщалъхуащ ик1и къыщыхъуащ, игъащ1э лъандэрэ къек1уэк1 адыгэ псэук1эмрэ адыгэ хабзэмрэ ягъасэу. Амырхъан сыт хуэдэ 1энат1э пэрыувами, щхьэх ищ1акъым, и адэ 1эсхьэд и 1э лъэныкъуэр зэрыхуейуэ хуэгъэшэрыуэтэкъыми, абы зыщ1игъакъуэ - дэ1эпыкъуурэ балигъ 1уэхум пасэу есащ.Мы лэжьыгъэр щызгъэхьэзырым, адрейхэм къадэк1уэу, сэ къэзгъэсэбэпащ НалоЗаур «Амырхъан и дыгъэмрэ и гъуэгумрэ», зыф1ища очеркымрэ, «Хьэхъупащ1э Амырхъанрэ Теунэ Хьэчимрэ» ятеухуауэ Хьэк1уащэ Андрей итха тхыгъэмрэ. Абы щыщу нэхъ гъэщ1эгъуэн сщыхъуахэр си презентацэм хэзгъэхьащ. Амырхъан жи1эжырейт: «Ди адэр бжьэмияпщэт, джэгу игъэджэгуфу; усак1уэт, иусахэр ц1ыхум ящтэу; 1уэры1уэдзт, я нэхъ жьак1уэхэри иригъэк1уэтыжыфу». ГурыIуэгъуэщ усакIуэ цIэрыIуэ хъуну Амырхъан щIалэм и дежкIэ и адэ Асхьэд мыхьэнэ мащIэ зэримыIар. Асхьэд дэнэ кIуэми и къуэр здишэрт, дунейм щекIуэкI Iуэхухэм щыгъуазэ ищIырт. Ар гъуэлъыжырти хэжаерт икIи къэушырт и адэм и бжьамий макъыу гъыбзэр къизышым щIыгъуу.Амырхъан усэнымк1э адэм дэплъеями, и адэм хуэдэу бжьэмияпщи 1уэры1уэдзи хъуакъым. И псэм нэхъ ф1эф1у щытар усыгъэрщ.Псом япэу зэхилъхьа усэр «Балъкъэрым теухуаращ». Езы Хьэхъупащ1эм къызэри1уэтэжамк1э, балъкъэр къуажэ гуэрым пэмыжыжьэу ишхэр игъэхъуак1уэу, езыр удзыпц1эм хэлъу и щхьэм къихьэри итхыгъащ.Мис абы щыщ пычыгъуэ:Ехып1эу фи1эр мывалъэщ.Мывэм и хьэлъэри фи гъащ1эщ,Фи хьэчыржынрипхъашащэщ,Зэгуэщэтыжыр фи п1астэщ…Амырхъан куууэ гъащIэм хохьэр: цIыхубэм и гъащIэм хьэзабу телъым, пщыжь-уэркъыжьхэм я залымыгъэмпсоми ар кIэлъоплъ, Амырхъан щ1эх ц1эры1уэ мэхъур, гуп зэхыхьэм дэнэкIи ирагъэблагъэ, абыхэм нэхъри нэхъ Iэзэ щохъу, езым и цIэри мэIу.ХьэхъупащIэ Амырхъан зэманыжьым теухуауэ абы щыгъуэ уэрэд, усэ куэд зэхилъхьащ. Абыхэм псоми щыпхышар мы гупсысэсэрщ:ЗЭМАНЫР ХЬЭЛЪАЩ,ЗЭМАНЫЖЬЫР ГЪЫ НЭПСУ ЩЫТАЩ.ТХЬЭУСЫХЭТ И МАКЪЫР,ЗАЛЫМЫГЪЭТ И ЩАПХЪЭР. Налом къызэрилъытэмк1э, ипэк1э Хьэхъупащ1эр, зыми зыдримыгъэк1уу, зыгуэрми зыдимыгъэшу, езым и псэм зэрыжи1эм хуэдэу усащ - хуеймэ, убэу, ф1эф1мэ, щытхъуу, игъэзахуэмэ, хъуахъуэу, и дыхьэшхын къак1уэмэ, гушы1эу, ауэ жып1э хъунущ, иужьк1э къулыкъущ1э усак1уэ зэращ1ар. Хьэхъупащ1эм къик1уа гъащ1э гъуэгум дриплъэжмэ, гулъытэншэу къэдгъанэ хъунукъым, ар советскэ псэук1эм хэпщ1а зэрыхъуам. МэкъумэшыщIэхэр колхозым хэшэнымкIэ Амырхъан ауэ собранэхэм къыщыпсалъэу щыта къудейкъым, ат абы папщIэкIэ усэхэр зэхилъхьэу, абыхэмкIэ колхозым и мыхьэнэр къигъэлъагъуэу, цIыхухэм къагуригъэIуэфу щытащ. А зэманым Амырхъан мыбы хуэдэу итхыгъащ:Узэгугъуркъогугъуж,ЩIым зы ептымщэ къуетыж.Гъатхэ мазэм хыумысарБадзэуэгъуэм къэпхьыжынкъым,Гъэм и кIыгъэм девгъэгугъу,ЗылI и бынудывгъэлажьэ,Маржэ, маржэ, колхозхэтхэ!Ди джэгуак1уэхэр нэхъыбэу зыхуэусэу щытар псоми къахэжэнык1 шыщхьэмыгъазэхэрщ - ц1ыхум я телъхьэу, лъэпкъым къыщыжу, хэкур яхъумэу зи гъащ1эр зыта, л1ыгъэ зезыхьахэрщ: Андемыркъан, Шэджэмокъуэ Хьэсанш, Уэзы Мурат, Ажджэрий и къуэ Кушыку, Сэнджэлей, нэгъуэщ1хэри.АндемыркъанАдемыркъаныр хэт зымыцIыхур?Адемыркъаныр хэт зигу имыхур?Ар лъхукъуэлI щауэт,Тепщэхэм хуэджатэт.ТхьэмыщкIэмкIэ Iумахуэт.Хэку зауэшхуэр щек1уэк1ми, тек1уэныгъэр къахьа нэужьи, зи бын, зи щхьэгъусэ, зи дэлъху хэк1уэдахэр Хьэхъупащ1эм деж къак1уэурэ гъыбзэ ирагъэусырт. Абыхэм ящыщ ди зэманым къэсащ-л1ыхъужьхэм ятеухуауэ гъыбзищ.Наурыз Мамышэ”, “ГъущIынэ Гъуузер”, “Жамборэ Щауал.Наурыз МамышэИжькIэрэ хабзэжьтиIыхъужьыр зауэм пэхутэщ.Шу бланэу къимыкIуэтыжырНаурызым и къуэ Мамышэ щауэт. Гъущ1ынэ ГъузерГъузерыр дзэшхуэм и хахуэт.Орден лъапIэу хэкум къуитарКремылым щыпхуфIадзэжщ. Жамборэ ЩэуалЩэуалыр дзэшхуэм яIущIэм Щыблэу нахэуэрт,ЗэуапIэм IухьэмИ Iэщэр дахэу игъэпсырт, Мы гъыбзэхэрди щ1алэ шыщхьэмыгъазэхэм я фэеплъу къэнащ.Хэку зауэшхуэм жыджэру хэта Къардэн Къубатий гулъытэншэу къигъанэркъым, тхак1уэм.Къардэн КъубатийХэку дахэм хамэр къефыгъуэрт,Зауэр яублэм гъатхэпэ щыблэти яхэуэрт,Къэрдэным и къуэу ди Къубатий пхъэшакъуэт. Мы усэм Амырхъан къыщегъэлъагъуэр ди народым и лIыхъужьыгъэр, усакIуэм егъэлъапIэр ди лIыхъужь зауэлIхэм я цIэхэр, народ псор къыхуреджэр и псэ емыблэжу бий бзаджэм ебэныным, ди хэкур бийм щыхъумэным:Дэ ди щIы кIапэм къыщыуджымЯ гущIыIум диуджыхьынщ.ХьэхъупащIэ Амырхъан нэгъуэщI Iуэхугъуэ щхьэхуэхэми теухуауэ усэ мащIэ зэхилъхьакъым. Ахэр абы хуетхыр усакIуэ цIэрыIуэу Пушкин, ЩоджэнцIыкIуАлий, Къэбэрдейм и цIыху щэджащэхэу Къазэнокъуэ Жэбагъы сымэ икIи нэгъуэщIхэми.ПушкинПушкиныр лIы губзыгъэт,Дыгъэр и нэм къыщIэмыпсэуГъэ зыбжанэкIэ гупсысат.ПсэукIэжьым игъэгубжьуНыбэ бгъуэжьхэр и бият.А биижьхэр фIэмыIуэхууIэху мину ар елэжьт,Писателхэм я нэхъ IэзэуУрысыбзэр иукъэбзат.Щоджэнц1ык1у АлийАлийуэрэ ди усакIуэшхуэрБахъсэн псы IуфэмУкъыщалъхуат,Усабий дыдэуи уэ щIалэмЕджэным гу хуэпщIат.УщIэныгъэ лъыхъуэу,УщIыхьэну школ умыгъуэту,ЗэIущIэм я бжьыхьэ кIапэмУщIэсурэ укъэпсэуат. Къазэнокъуэ ЖэбагъыЗи псалъэр нахуэу,Зи напэр хужьу,Псалъэжь пэжыр къэзыгъанэуДунейм екIуу тета,Къазэнокъуэ Жэбагъы,И увыпIи ихъуэжакъым,Мыгупсысэу зэикI псэлъакъым.Лъагъуныгъэм, ц1ыхубзым, щхьэгъусэм теухуа сатырхэри и1эщ Хьэхъупащ1эм.Лъагъуныгъэр псэм и тепщэщ,Абы и маф1эр къыбжьэхэпщэм,Уепщэ пэтми-мыунк1ыф1.Псы тепк1э пэтми-мыупщ1ы1у.Абы и 1эф1ымМы дунейм зыри щеф1эк1къым,Абы и гуауэмНэхъ гуащ1э зыри бгъуэтынкъымюСэсогупсысэ:Псоми я нэхъыф1у,Ф1ым я нэхъыщхьэу,Сэрк1э нэхъпщхьэпэуЗыкъызохутэ.Ар ди унэгуащэрщ.Ар ди гущабэрщЦ1ыхубзым теухуа усэр нэхъыжьхэм къащ1эна псалъафэ телъыджэк1э кърегъажьэ:Дунейм и набдзэр ц1ыхубзщ.Дунейр зыгъэдахэр фызыф1щ.Набдзэм ухуагъадэмэАдыгэм уафэм нэс уа1этауэ къок1.Л1ыр зыгъэл1ри фызщ,Л1ыр зыгъэгушхуэри фызщ.Фызым и хуэмыхурХъарбыз мыхъум хуэдэщ.Фыз зыгъэсэфри л1ы губзыгъэщ.Выр куэдрэ бжьакъуэмэ, Къуагуэ мэхъу.Фызым куэдрэ уегуауэмэ,И гур мэбэг.Амырхъан жанр зэмыл1эужьыгъуэхэм хуэшэрыуэт. Абыхэм щыщу Нало Заур къызэрихутамк1э, нэхъыжь дыдэу хэтыр хъуэхъухэрщ.Мы джэдыр тхуэзыук1амДжэд дыгъур хуэ1эшэу,Къашыргъэр хуэнэфу,Дыкъак1уэмэ тхуиук1ыу.Иук1 пэтми имыухыу….Щ1энэк1алъэ, ауан зыхэлъ сатырхэри и куэдщ Хьэхъупащ1эм.Фадэм дихьэххэм яхуэгъэзащ:Абы псэук1э хуэхъунурЗи хуэдэр ныфхуэс1уэтэнщ:Зы мастероку,Зыпэгуныжь,Зы уадэжь ц1ык1у 1эщ1элъу,Къэп ныкъуэ к1эпхыну пщ1эхэлъу.Зыгуэрым и хьэку хуищ1ыжмэ,Е пэгуныщ1э щ1илъхьэжмэ,Лэжьапщ1э мащ1э кърату,Ар къэмысыжу ирифрэИ фыз тхьэмыщк1эм къыщыхьэуХьэхъупащ1э Амырхъан, Хьэк1уащэ Андрей къызэри1уэтэжымк1э, прозэ езым итхакъым, ат1э зэрызэхихам тету къи1уэтэжурэ, тхэк1э зыщ1эхэм яригъэтхащ. Абы и тхыгъэхэм лъабжьэ хуэхъуари 1уэры1уатэрщ.Налшыки Мэзкууи къыщыдэк1ащ Хьэхъупащ1эм и «Журавлинная сказка» тхылъыр, и уэрэдхэр зэрыт сборникыр. Тхак1уэм и 1эдакъэщ1эк1хэр, куэдрэ журналхэм, газетхэм къытохуэ.Ди уэрэдусхэм ящыщу къэралым нэхъ хи1этык1ыу щытахэм язщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и усак1уэ Хьэхъупащ1э Амырхъан. Абы уэрэду иусахэр, усэузэхилъхьахэр, тхылъу къыдигъэк1ахэр, архивым щахъумэ.И лэжьыгъэф1хэм папщ1э Хьэхъупащ1эм къыф1ащащ:
  • 1935 гъэм - КъБАССР-м гъуазджэмк1э щ1ыхь зи1э и лэжьак1уэ ц1э лъап1эр;
  • 1946гъэм - «Знак Почёта» орденыр къыхуагъэфащэ;
  • КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату хах;
  • 1957 гъэм- Ленин орденыр, а зэманым нэхъ лъап1э дыдэу щы1а дамыгъэр, и бгъэм къыхалъхьэ.
  • Гъуэгуанэшхуэ зэпичащАмырхъан, и нэгу щ1эк1ащ гъащ1эм и 1эф1и и дыджи. Аращ абы гъащ1эу и1ар - езы гъащ1эрщ, аращ акъыл къызыхихар. Лъэужьыншэ хъуакъым усак1уэр. Абы и лэжьыгъэм пащэ, ирагъэф1ак1уэ и бынхэмрэ абы я быныжхэмрэ.Си къэпсэлъыныгъэр сыухыну сыхуейщ, езыр псэууэ, мыр уэсяту щ1эблэм къахузогъанэ,- жи1эу, Нало Заур къы1эщ1илъхьа усэм хэт сатырхэмк1э.Ущ1алэу къапщтэрщ 1эщ1агъэр,1эщ1агъэ дахэр насыпырщ.Сабий зыгъасэхэр фысакъ:Фэращ насыпыр зыгуэшыр,Ар губгъуэ нэщ1ым ивмыпхъэ.Мыхъумыщ1эр дзыгъуэу мэбагъуэ,Абы зек1уап1э евмыт.Дунейм и набдзэщ ц1ыхур,Дунейм щыдахэр ц1ыхурщ.Ц1ыхугъэр фаджэ фымыщ1у,Фи гъащ1эр ек1уу ефхьэк1.А зыр уэсяту фхузощ1ыр.Ар зыгъэзащ1эр си щ1асэщ.