Публикации Пащ1э Бэчмырзэ

Всероссийский сборник статей и публикаций института развития образования, повышения квалификации и переподготовки.


Скачать публикацию
Язык издания: русский
Периодичность: ежедневно
Вид издания: сборник
Версия издания: электронное сетевое
Публикация: Пащ1э Бэчмырзэ
Автор: Пшихачева Розанна Циковна

НАРОДЫМ И УСАКIУЭЗы лъэпкъи дунейм теткъым зи 1уэры1уатэ зимы1эж, зи гъащ1эм ар зыубгъуауэ къыщызымыгъэсэбэп. Адыгэ 1уэры1уатэм гъуэгуанэшхуэ къик1уащ. Сэ сыщыц1ык1ум щыщ1эдзауэ сыщ1ап1ык1ащ таурыхъ гъэщ1эгъуэнхэм, къуажэхь хьэлэмэтхэм, гъэсэныгъэшхуэ зыхэлъ псалъэжьхэм, уи бзэр шэрыуэ зыщ1 псынщ1эрыпсалъэхэм, дыщыджэгук1э къэдгъэсэбэп къебжэк1 ц1ык1ухэм. Икъук1э сыдихьэхыу соджэ нарт л1ыхъужьхэр къызыхэщ хъыбархэм, пшыналъэхэм. 1уэры1уатэм хэт пшыналъэхэр япэ зэхэзылъхьар джэгуак1уэ - уэрэджы1ак1уэхэрщ. Хъан-Джэрий мыпхуэдэу итхыгъащ: «Пасэрей шэрджэсхэм усыгъэр я гъащ1эщ, я псэщ, блэк1а псэук1эм и гъуджэщ…. Ар я гъусэщ жьэгу пащхьэм щыдэсми, лъэпкъ зэ1ущ1эм щыхэтми, я гуф1эгъуэ-гузэвэгъуэми, арат ахэм я1ущ1эр, гущащхьэм къыщегъэжьауэ я кхъащхьэм нэсыху ик1и ахэр къэхъу щ1эблэщ1эм 1эщ1эзылъхьэжыр». Урыс тхак1уэ ц1эры1уэ Максим Горькэм итхащ: «Кавказым, Къэбэрдейм, джагуак1уэхэм-ущрихьэл1эу зэрыщытрэ куэд щ1акъым. «Ахэм зы псалъэ закъуэк1э, къэрабгъэр хахуэ, ц1ыхубэм къыщыж ящ1ыф, дыгъум и хьэлыр зыхрагъэн, ц1ыху ящ1ыж, ик1агъэми ф1еягъэми и бийхэщ».Ди литературэщIэр къэхъунымкIэ, мыхьэнэшхуэ и1ащ, 1уэры1уатэр зи гум изымыгъэхуу ди деж къэзыхьэсыфа, зыхъума, я тхыгъэхэр зэхэзылъхьа ди народнэ усакIуэхэм ящыщ: Абазэ Къамбот, Агънокъуэ Лашэ, Пащ1э Бэчмырзэ, Сыжажэ Къылшыкъуэ, Выкхъэ Шухьиб, Мыжей Сэхьид, Хьэхъупащ1э Амырхъан, Къэжэр Индрис сымэ. Ц1ыхубэм псэемыблэжу хуэлэжьэнымк1э щапхъэщ, мы гъэм къызэралъхурэ илъэсищэрэ хыщ1рэ тхурэ ирикъу Пащ1э Бэчмырзэ и гъащ1эри. И лъэпкъэгъухэм ф1ыгъуэрэ насыпрэ къыхуихьынырщ зыхуэпсэуари зыхуэлэжьари Бэчмырзэ.Мы лэжьыгъэр щызгъэхьэзырым, адрейхэм къадэк1уэу, сэ къэзгъэсэбэпащ, тегъэщ1ап1э сщ1ащ: Шортэн Аскэрбий, Теунэ Хь.эчим, Нало Заур, Пщыбий Инал, КIурашын Бет1ал, Къэжэр Хьэмид сымэ я тхыгъэхэр. Абы щыщу нэхъ гъэщ1эгъуэн сщыхъуахэр си презентацэм хэзгъэхьащ. Адыгэ тхыдэм увып1эф1 щызыгъуэта Пащ1э Бэчмырзэ минрэ щийрэ тхущ1рэ пл1ы гъэм Къылышбий (Нартан) къуажэм къыщалъхуащ ик1и къыщыхъуащ, игъащ1э лъандэрэ къек1уэк1 адыгэ псэук1эмрэ адыгэ хабзэмрэ ягъасэу. Бэчмырзэ сыт хуэдэ 1энат1э пэрыувами, щхьэх ищ1акъым, 1эхъуэ къуэдзэу къыщ1идзэри балигъ 1уэхум пасэу есащ, гугъуехь куэд ишэчащ.Ди щ1эныгъэл1хэм къызэрахутамк1э, ПащIэр дунейм тетыху, хуемыгъэхыу гукъеуитI иIащ: щIэныгъэ ирикъу, нэс зэримыIамрэ и усыгъэхэр зэуIуу тедзауэ зэримылъагъумрэ.И ныбжьыр илъэс пщыкIутI щыхъуам, Бэчмырзэ зы хъуэпсапIэр къехъулIащ -тхылъ еджэкIэ зригъэщIэн папщIэ, и хьэблэгъу Лъеиншэ Мысост иратащ. Егъэджак1уэ хуэхъуа зэщхьэгъусэхэм я деж куэд къыщищIащ еджэным зи нэр къыхуикI, абы хуэпабгъэ щIалэм. ПащIэ Бэчмырзэ хьэрыпыбзэкIэ къеджэфу, тхэфу езыгъэсар Лъеиншэ Мысост и унэгуащэ Лухъанщ. ПащIэ Бэчмырзэ езыр-езыру еджэжу, и щIэныгъэм хигъахъуэ зэпыту къекIуэкIащ.Пащ1э Бэчмырзэ и и ц1эр зыгъэ1уар, и лъэр зыгъэувар езым макъамэ зыщ1илъхьа уэрэд-гъыбзэхэрщ. ЛъэIукIэ, пщIэкIэ, хьэтыркIэ усакIуэм зэхилъхьэт гъыбзэхэр, уэрэдхэр. Ахэр цIыхухэм гунэс ящыхъурти, гукIэ зрагъащIэрт, зэ1эпахырт. Нобэми цIыхухэм ящымыгъупщауэ къадокIуэкI, еджап1эм щыдодж: «Сосрыкъуэ и гъыбзэр», «Къэрэшей и гъыбзэр», «Алихъан и гъыбзэр», «Нэгъуей и гъыбзэр», нэгъуэщIхэри.Бэчмырзэ и хъуэпсап1эт и усыгъэхэр нэхъыбэм зэхахыну, тхылъымпIэм иту илъагъуну. Зэхилъхьэ уэрэдхэр, гъыбзэхэр гъэнэхуа хъун щхьэк1э-хьэрып хьэрфхэр къигъэсэбэпурэ, алфавит зэхилъхьащ. Зыгуэрхэр зэран къыхуэмыхъун мурадкIэ, Бэчмырзэ я хадапхэм декIуэкI къуэкIийм («Жэмыжьыкъуэ») и бжьэпэм щIыунэ щищIащ, езыр щыпсэуну, щылэжьэну. А щIыунэрщ усакIуэм алфавит щызэхигъэувар, и усыгъэхэм я нэхъыбапIэр къыщигъэщIар. Хьэрып азбукэр зи лъабжьэ азбукэ щызэхилъхьэм, адыгэ макъ зыбжанэм яхуримыкъу хьэрфхэр Бэчмырзэ езым къигупсысащ, хьэрып хьэрфхэм дамыгъэ гуэрхэр щIигъуурэ.ПащIэм хьэрыпыбзэр фIыуэ зэрищIэу щытам шэч къытрахьэкъым ди щ1эныгъэл1хэм. Абы и щыхьэтщ ПащIэм и Iэрытх Къэбэрдей-Балъкъэр щ1эныгъэ-къэхутак1уэ институтым щIэлъыр. Мы тхыгъэм Бэчмырзэ къыщигъэсэбэпащ хьэрып алыфбейр.ПащIэм и алфавитыр хьэрф 39-рэ мэхъу. Бэчмырзэ хьэрып алфавит къигъэсэбэпурэ итха усыгъэм къеджэф щыIа дэнэ къэна, атIэ ахэр зэзыдзэкIыф къыкъуэкIащ. Апхуэдэт куржы щIэныгъэлI, ныбжьэгъу къыхуэхъуа Джанашиа Симон, ди тхак1уэшхуэ ЩоджэнцIыку Алий сымэ.Бэчмырзэ и тхыгъэхэмк1э и1уатэр езым и щхьэм къылъыса гуауэм и закъуэтэкъым. Усак1уэм хэку псом щигъэ1уащ л1ыщ1ап1эм ит ц1ыхум и тхьэусыхафэр. Абы и дунейр апхуэдизк1э дыджщ, зэвщ, хьэлъэщи, уеблэмэ и щхьэр щ1ихьэным нэсащ, арауэ къыщ1эк1ынущ абы мыпхуэдэ усэ сатырхэр щ1итхыр:Хэкум сик1ынут.Тхылъыр си1атэмэ… Хым сик1ыжынут - жылэр гум пык1къым,- итхыгъащ а псалъэ жагъуэр усак1уэм, ауэ а зырщ зи щхьэр щ1рагъэхьа мэкъумэшыщ1э щ1алэм хэк1ып1эу илъагъур. Дызэрыщыгъуазэщи, Бэчмырзэ игъэунэхуащ, ди лъэпкъым къытепсыха гузэвэгъуэшхуэу «истамбылак1уэк1э» зэджэр. Ар Тыркуми, Сириеми, нэгъуэщ1 хэкухэми щы1ащ. Истамбылак1уэхэм я нат1э хъуар Бэчмырзэ хэкум къигъэзэжа нэужь, зы псалъэуха закъуэк1э къи1уэтэгъащ: «Фыкъыщалъхуа хэкум и щ1ыбагък1э насып фыщымылъыхъуэ…». Сэ сызэреплъымк1э, мы псалъэхэм псори къа1уатэ.Насып щигъуэтакъым Бэчмырзэ хамэщ1ми, къыздигъэзэжа и хэкуми. Дэни щилъагъур нэпсрэ гуауэращ, тхьэмыщк1агъэрэ залымыгъэрэщ. Бэчмырзэ мурад ещ1 ц1ыхум телъ гузэвэгъуэм усэ къарук1э пэщ1эувэну. Зыр-зым к1элъык1уэу еус гъыбзэхэр, ахэр зэ1эпахыу ц1ыхубэр йоджэ. Сэ 1уэху бзаджэхэр къыслъыкъуэк1риСыпсэу мыгъуэу хьэпсым срадзэ.Си 1уэхум и пэр блэ къуэлэнык1эт.Уей жып1эркъэ, къызэлъыкъуощ.Си 1уэхум и к1эр благъуэ 1унэщ1т,Уей жып1эркъэ, зэдок1уэдыж…«Алихъан и гъыбзэ»- Ди нанэ дыщэ,Пщ1ыхьыр солъагъу,Пщ1ыхьу слъагъуахэрБанэм и къуагъщ.-Пщ1ыхьу сытхэр улъагъу,Си нысэ?-Лъыр къизгъахъуэуКхъуафэм изок1э,Пщ1ант1э дэк1ып1эрБгынауэ слъэгъуащ.Бэнэныгъэ гъуэгум техьэу, зи щхьэ хэзылъхьа мэкъумэшыщ1эхэми ятотхыхь Пащ1эр. Уэзы МуратУэзы МуратырЩ1алэ набдзапц1эт,Щауэ къуапц1э гъурти,Л1ыхъужь мыгъазэт…Тет пристафхэрМурат к1элъопхъэ,Бгы пхъуантэ быдэмХахуэр дохьэж.Адыгэ мэкъумэшыщ1эхэм я насыпыр я 1эк1э къазэужын зэрыхуейри къыхегъэщ Бэчмырзэ и усэхэм.1эщэр зузэдымНобэр и л1эщ1ыгъуэщ…Пщыл1хэм я гугъэрГугъэ тэмэмщ,Я мурад лъап1эрЛъэпкъым да1этыр.Пащ1э Бэчмырзэ и псалъэ пэжхэм ящ1элъ гъэсэныгъэ мыхьэныр пхужымы1эну куэдщ. 1уэры1уатэу къэгъуэгурык1уа псалъэ шэрыуэхэм, псалъэжьхэм, езым и еплъык1эк1э зредзэк1, пещэ. Бгъэр куэдрэ уэмэ,И дамэр мэкъутэ.Дыгъур етамэ.Судым 1эщ1охуэ.Зи пашэ хъупхъэм и 1уэху йоф1ак1уэ,Нэхъыжь зимы1эм 1энкун и куэдщ.Гъуэгу бгъэк1эщ1ыну уигу илъмэ,Лъэр зытеувэм гу лъытэ.Джатэ къизыхыр мэгушхуэ,Л1ыф1ыр, гушхуамэ, аслъэнщ.Шэджагъуашхэ папщ1эУэ хьэщ1ап1э ук1уэм,-Уи насып къэк1уап1эмИ бжэр хуищ1ыжащБэчмырзэ игу иримыхьын илъэгъуамэ, ц1ыхум и жагъуэ имыщ1у, и гум емыуэу псаалъэ шэрыуэк1э щ1энак1эрт, игъэук1ытэу. УсакIуэм ипхъу Локъан пхъэ икъутэу, щIалэхэр Iуэхуншэу зэхэсу, Бэчмырзэ пхъэ къишауэ щыдыхьэжым, пыгуфIыкIри мыр жиIащ:ЛIыжь жьакIэхум пхъэ къырагъашэ,Хъыджэбз зишэгъуэм ирагъэкъутэ,ЩIалэ ут гупым ирагъэгъэс. ЩIалэхэм мыпхуэдэу еущиерт:Бэчмырзэ игу иримыхьын щIалэхэм ядилъэгъуам, ящIэмынакIэу, мыпхуэдэу еущиенкIэ хъурт:Къомыджэ гуп умыкIуэ,ЩхьэхуэкIуэ фадэ уемыфэ,Къэфэрей Iэгу ухуемыуэ!Хъыджэбзхэм зэреущие псалъэхэр:Псалъэу дыхьэшхыж,Шхэуэ зи дзэ зымылъэщIыж щIалэ фыдэмыкIуэ!И ныбжьыр хэк1уэтами, и усэм и къарур нэхъри къеблауэ, и псалъэр нэхъ жан хъуауэ пежьащ усак1уэр гъащ1эщ1эм, псэук1эщ1эм. Ар къыщыгъэлъэгъуащ мы усэ сатырхэм:Ижьк1эрэ дыщ1эхъуэпсауэНасыпыр къытхуепсыхащ…Мы дунеижьыр зэтекъутащ,Щ1эуэ тщ1ыжынущи, фыкъызэхуежэ… Бэчмырзэ и усэр а зэманым - псэук1эщ1эр ухуэн щыщ1адза махуэм тегъэгушхуак1уэу я1ащ щ1эблэм.Пэрыт и 1уэхур зэвгъащ1э,Ф1ыуэ лэжьэфыр щ1эныгъэщ,Зэран хъу флъагъумэ, фысакъ.Гукъанэ зи1эм феупщ1.Зыри зымыщ1эр зыхэфху,Хуэмыхухэм зий фемыубзэ…Гъащ1эщ1эм и ухуак1уэхэм Пащ1эм усэ, уэрэд, хъуэхъу яхузэхилъхьэ къудейтэкъым, ат1э абыхэм щапхъэ яригъэлъагъурт, зэрыхузэф1эк1к1э ядэ1эпыкъурт. Мыбы теухуауэ, урыс тхак1уэ Ю. Лебединскэм игукъэк1ыжхэр: «Езым и лъэ1ук1э Бэчмырзэ зыми хуэмыдэ 1эмэпсымэ иригъэщ1ащ, и к1апэ лъэныкъуэр белу щ1ауэ, адрейр - джыдэу. Мис а 1эмэпсымэмк1э л1ыжьыр губгъуэм илэжьыхьащ, щ1алэгъуалэм я щапхъэу». Псэук1эщ1эм псэемыблэжу хэта Пащ1эр гулъытэншэу къагъэнакъым. 1931 гъэм щытхъу тхылъ къыхуагъэфэщащ. И тхыгъэхэр къытрадзэну гугъэ дахэхэр зи1э Бэчмырзэ, и «дыщэ пхъуантэр» зэтрихын хунэмысауэ, 1936 гъэм дунейм ехыжащ. Дэтхэнэ усак1уэми я хъуэпсап1эр я 1эдакъэщ1эк1хэр къыдэк1ыу ц1ыхухэр абы къеджэнырщ. Бэчмырзэ и усыгъэхэр адыгэбзэк1и урысыбзэк1и дунейм къытехьащ, тхылъ щхьэхуэу къыдэк1ащ. Пащ1э Бэчмырзэ теухуауэ псалъэ дахэ куэд жа1ащ ди тхак1уэхэм, щ1эныгъэл1хэм. Нало Заур жи1ащ мыпхуэдэ псалъэхэр: «Щы1эщ псэ тынш, и ныбэр изрэ ил къыщ1эмыщмэ, нэгъуэщ1к1э мыхъуапсэу, щы1эщ псэ нэпсей, мылъкурэ тхъэгъуэк1э зимыгъэнщ1у, щы1эщ псэ джаур, фыгъуэрэ ижэным кърихуэк1ыу; щы1эщ псэ гугъу, ц1ыхум ямыщ1э гуэр къимыхутамэ, мыжейуэ. Бэчмырзэ 1утащ псэ, щ1эныгъэ лъыхъуэнымрэ захуагъэм щ1эбэнынымрэ зэрахуэу». Сокъур Мусэрбий, ди литературнэ критик гъуэзэджэм, мыпхуэдэ псалъэхэр хужи1ащ Пащ1э Бэчмырзэ: «Насыпщ Бэчмырзэ хуэдэ ц1ыху уи тхыдэ хэтыну. Тхыдэ жыхуэт1эр тхыдэ щыхъур ар ц1ыхупсэм нэса нэужьщ. Ц1ыхум и гумрэ и псэмрэ емыжал1эмэ, тхыдэр жьыбгъэм ихьыж пщ1ащэм хуэдэу мэк1уэдыж».Ц1ыхубэм я уэчылу зи гъащ1эр зыхьа Пащ1эр къэгъуэгурык1уащ и блэк1ар имыгъэ1ейуэ. Аращ ар щ1эуахътыншэр, бэм щ1игъэлъап1эр. Бэм и ф1ыгъуэм хущ1экъур бэм ягъэлъап1э. Сэ къысщохъу, Пащ1э Бэчмырзэ и ц1эр ц1ыхубэм сыт щыгъуи гуапэу я гум илъыну. Лъэпкъым папщ1э зи псэ емыблэжа, ц1ыхубэм яф1 зезыхуа ц1ыхум и ц1эр тхыдэм къыхэнэнущ, ц1ыхубэм ар сыт щыгъуи игъэлъэп1энущ.Усак1уэ щэджащэм и пщ1эр и щ1ыхьыр гъэлъэп1эным теухуауэ лэжьыгъэф1хэр ди унафэщ1хэм ялэжьащ. Налшык къалэ и уэрам дахэхэм ящыщ зым, Бэчмырзэ къыщалъхуа къуажэм, Налшык дэт Республиканскэ сабий библиотекэм, усак1уэм и ц1эр ф1ащащ. Нартан къуажэм фэеплъ-музей къыщызрагъэпэщащ, фэеплъ сынхэр хуагъэуващ. Пащ1э Бэчмырзэрэ балъкъэр усак1уэ Мечиев Кязимрэ я сурэтхэр 1уащхьэмахуэ бгым и бжьэпэм драхьеящ. Уи гур хагъахъуэ, уи щхьэр лъагэу уагъэлъэгъуж ди лъэпкъ мащ1эм Бэчмырзэ хуэдэ ц1ыху къызэрыхэк1амк1э. Бэчмырзэ дунейм къытринам тепщ1ыхьмэ, ар ноби къыддэпсэу пэлъытэщ: къыддопсэу и 1эдакъэщ1эк1хэр, и ц1эр, и щ1ыхьыр. Къыддопсэу усак1уэ-джэгуак1уэ щэджащэр.